Къафэкӏыхь. Уэлбанэкӏэжэщищ джэгум

Поделиться
HTML-код
  • Опубликовано: 20 окт 2024
  • "Нарт Хэкум", Ерокъуэхэ Бишер, Нэхущхэ Тимур сымэ къызэрагъэпэща джэгум щыщ зы теплъэгъуэ.
    Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21-22 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщ»-кIэ йоджэ. Арщ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэмрэ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэмрэ зытехуэр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэскъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-м щхьэкIэ «уэлбанэкIэ жэщищ»-и жаIэрт. Абы иужь гъэмахуэм игъуэт.
    Джэрмэн Iетногрэф Клем Густэв мэIуэтэж: «Жьымрэ псымрэ я тепщэ Созэрэщ и махуэр гъатхэкIэу ягъэлъапIэ; абы и нэщэнэщ лъапсэм щахъумэ кхъужьей къудамэ гъуар. Махуэшхуэр гъатхэкIэм, махуэм я нэхъ кIыхьыгъуэм хуозэ. А пIалъэм ирихьэлIэу Адыгейм (Circassia) и курыхым мафIэшхуэхэр щызэщIагъанэ. Тхьэмпэ зытемытыж кхъужьей къудамэ гъуар щIыпIэ Iэхуитлъэхуит деж яхьри, щыхатIэ, дауэдапщэм цIыхуу кърихьэлIам пэбжуэ шэху уэздыгъэ кIэращIэри, и щыгум кхъуеишхуэ фIагъэтIысхьэж. Абы иужь тыхьу бжэн зыбжанэ фIабз, махуищ хуэдизкIэ екIуэкI дауэдапщэм къриубыдэу жьымрэ уэшхымрэ щахъумэну Тхьэ йолъэIу. ИужькIэ щIалэгъуалэр мэджэгу, мэшэрашэ».
    Пшынауэр: Ӏэпсэхэ Дианэщ
    Къафэхэр: Пщыбийхэ Жанэ, Егъужокъуэхэ ӏэминэ, ХьэхъупащIэхэ ӏэстемыр, Битокъухэ Инал

Комментарии • 10