Адыгэ уэрэдыжь | Хьэхъупащӏэ Амырхъан - Си къуэш, си пщафӏэ | Circassian folk song | Çerkes Müziği

Поделиться
HTML-код
  • Опубликовано: 8 сен 2024
  • Circassian folksong. Старинная кабардинская песня.
    singer - Amirkhan Hakhupache from Psynabe
    Nalchik, 1997, festival "Лъэпкъым и гъуджэ" ("Mirror of folk")
    #Хьэхъупащ1э #пщаф1э

Комментарии • 11

  • @user-jr4eq9wo5q
    @user-jr4eq9wo5q 3 года назад +5

    Упсо си къуэш уэр дахэщ урэдыжьщ, мыра тэмэмыр

  • @TeamLechinkay
    @TeamLechinkay 6 лет назад +11

    - Си къуэш, си пщаф1э, умыбэлэрыгъ:
    Шу гуп къэсащи, ф1ы ягу къытхуимылъ!-
    Шу гуп къэсам саныпожьэри,
    Ф1эхъус-сэламк1э къытызошэ.
    Хьэщ1эныш пшэрри хузоук1ри
    Шу гуп къэсари согъэтхъэжыр
    Пщ1агъуалэм тесыр мэшэсыжри:
    - Уи къуэш уи пщаф1эр къызэт!- же1э.
    - Си къуэш си пщаф1эр уэстыфынкъым,
    Гуартэм хэт хак1уапщ1эр сэ узотыр!
    - Гуартэм хэт хак1уапщ1эри уи адэм ире1эж,
    Уи къуэш уи пщаф1эр къызэт!- же1э.
    Пщ1эгъуалэм тесым къызжэхехуэ,
    Шы сокум хэлъу 1узогъэхыр.
    Пц1эгъуэплъым тесыр мэшэсыжри:
    - Уи къуэш уи пщаф1эр къызэт!- жи.
    - Си къуэш си пщаф1эр уэстыфынкъым,
    Гуартэм хэт мэлищэр уэ узотыр.
    -Гуартэм хэт мэлищэри уи адэм ире1эж,
    Уи къуэш уи пщаф1эр къызэт!-же1э.
    Пц1эгъуэплъым тесым къызжьэхехуэ,
    Уанэгум илъу 1узогъэхыр.
    Къыдырым тесыр мэшэсыжри:
    - Уи къуэш уи пщаф1эр къызэт!- же1э.
    - Си къуэш си пщаф1эр уэстыфынкъым,
    Узэф1эф1 дыдэмк1э къызбгъэдыхьэ!
    Къыдырым тесыр къызжьыхолъэри
    Шы пщамп1эм дэлъу срехьэжьэ.
    - Си къуэш си пщаф1э, умыбэлэрыгъ,
    Къыдырым тесым сып1эщ1ехыр!
    Си къуэш си пщаф1эр къыпоуври
    Мэлыжьым хуэдэу къыф1егъэжыр.
    Гуэбэнэдж щ1агъым сыкъыщ1оплъыр
    Лъы пц1ам сыхэлъыу соусыжыр

  • @TeamLechinkay
    @TeamLechinkay 7 месяцев назад +1

    Ахърэт нэхук1э Алыхьым игъэгуф1э!

  • @mobidik148
    @mobidik148 3 года назад +3

    Мыри емынэщ, ауэ "Дахэжаныр" уэллиги Нэхущым нэхърэ нэхъ дахэу бгъэзэщ1ам.

  • @osmansermetkabasakal837
    @osmansermetkabasakal837 23 дня назад

    Excellent Circassian wered.

  • @user-hn5tl7hc9x
    @user-hn5tl7hc9x 5 лет назад +8

    Упсо Щ1алэщ1э👍👍👍👍👍

  • @aslanbasha4149
    @aslanbasha4149 Год назад +1

    Эту песню спел нам в Сирии в 1978 сам Хавпачев Хасан

  • @zalinataova4175
    @zalinataova4175 5 лет назад +4

    👍🏻👍🏻👍🏻😍

  • @IM-cz7sf
    @IM-cz7sf 3 года назад +2

    👍

  • @user-zaz
    @user-zaz 7 месяцев назад

    Адыгэ макъ, сыту дахэ!