Want to 2nd our appreciation to the team, this is a wonderful contribution. Some of Our people in the diaspora would get more out if we can have it translated, preferably to English. With the author agreement we can support the effort financially. Let me know & Again many thanks.
I express my gratitude to you for such words. The author and I have plans to make an English translation, but this is a colossal work that we cannot accomplish without financial assistance.
Выражаю огромную благодарность автору романа - уважаемой мной Зарине Кануковой (@Inalka) за предоставленные материалы.
Къэбэртэябзэ зэсэгъаш1э. Сэ сы бжьэдыгъу. Шъуэпсэу канал дах мы тхылъым пае! 🌺
Хуабжьэу си ф1эф1у сода1уэ. Адыгэ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ пщ1ащ, Зарина. Алыхьым уи зэф1эк1ыр куэд ищ1!
Побольше выкладывайте, пожалуйста таких аудио. Очень приятно слушать. Моей маме очень понравилось👍
Тхьэм куэдрэ узыншэу къыпщхьэщигъэт
Тхьэм уигъэузыншэ,
Тхьэм уигъэпсэу
شهرين
! Сыту дахэу уеджэрэ
Упсо
Весомый вклад в нашу литературу! Благодарность автору и работникам радио!
спасибо. да, сотрудники радио, Рита Гучаева, очень много работала, чтобы появилась аудио версия книги
Want to 2nd our appreciation to the team, this is a wonderful contribution.
Some of Our people in the diaspora would get more out if we can have it translated, preferably to English. With the author agreement we can support the effort financially.
Let me know & Again many thanks.
I express my gratitude to you for such words. The author and I have plans to make an English translation, but this is a colossal work that we cannot accomplish without financial assistance.
Сыту дахэу уеджэрэ!
Упсо. Щабэу бзэ
мэшэрашэ, гуапэу псэ
мэущий.
Бов Апщи!
Тхьэм уригъэфlакlуэ❤🌹
💐
Зарина, Адыгэ лъэпкъым мыр тыгъэ зэрыхуэпщ1ам щхьэ Тхьэм уигъэпсэу! Уи тхылъым и дахагъым сыжихьэхауэ сыкъык1эрымык1ыфу содэ1у!
Фи махуэ фӀыуэ! Тхылъым и Ӏыхьэщанэм седжауэ мы аудиокнигэр къысӀэрыхьащ сыдихьэхыуи седэӀуащ. ТхакӀуэм и макъкӀэ тхылъым уедэӀуэныр дэгъуэ дыдэу къыщӀэкӀащ гу зылъытапхъэ псори къыхигъэщу. Тхьэм фигъэпсэу! Дыпэплъэнщ иджыри нэгъуэщ тхыгъэхэм)))
Тхьэм уригъэфIакIуэ, Заринэ!!!
упсэу, си гуапэщ
Тхьэм уригъэф1ак1уэ, Заринэ!!!
Тхьэм уигъэпсэу
👏👏👏💐💐💐
Сигу ирохь, сф1эф1у сода1уэ.
Упсэу , адрейхэри тегъэгушхуэ
Тхьэм и нэф1 къыпщыхуэ, Зэрина!
Мыри нэстхынщ, емык1у сумыщ1. Шы «гуартэ» щы1экъым ди бзэм, «шыбэщ» щы1эр. Гуартэр зытехуэр 1эщыр аращ, псалъэр тырку псалъэщ, 1эщыми пэжу хужып1эмэ -хъушэщ зэреджэу щытар. Езым и шы лъэпкъ хэзыша лъэпкъым и шы гъэхъуным, шы хэшыным епха и псалъэхэри дгъэк1уэдыжмэ, пэж дыдэу шыри дыдымейуэ куэдым я ф1эщ хъужынщ.
Сф1эф1 дыдэу сода1уэ, мы стхари зыми и жагъуэ хъункъым.
Къеблагъэ.
Адыгэбзэм хууиӏуэхур сэ сщӏэкъым, ауэ си щхьэм къыбгъэдэкӏыу мыр жысӏэнщ. Мы тхылъым урысыбзэ тӏэкӏуи хэтщ. Абы езы тхакӏуэр хуитыжщ хигъэхьэнуми химыгъэхьэнуми.
Адыгэбзэм хэт псалъэхэм я къэхъукIэ гъэунэхуныр ӏуэху щхьэхуэщи, щӏыпӏэ щхьэхуэ щызэпкърыхыпхъэщ.
Сэри абы солэжьри, сфӏэфӏу зыщызгъэгъуэзэнущ.
Уи махуэ ф1ыуэ! Каналыр зейм къызэритхаращи, мыпхуэдэ псалъэмакъхэр щхьэхуэу щытын хуейщ, ауэ мыбдеж къыщыптхак1э, жэуап уэстын хуей мэхъу, жып1ар зэрымыпэжым къыхэк1ыу. Псалъалъэми итщ, шы зыгъэхъухэми къыбжа1энщ, "гуартэ" псалъэр шыми, мэлми ехьэл1ауэ къызэрагъэсэбэпыр. Ар аращ. иджыри зыгуэр къэптхынумэ, кхъы1э, япэ щ1ык1э псалъалъэхэм еплъ. Жагъуэ хъуным теухуауэ: ууейм (укъызыхэк1ам) укъелмэ, укъызэмылын щы1экъым. сыкъелауэ бжы, умыгузавэ. адыгэм диф1ри ди жагъуэри ф1ы дыдэу сощ1э)
@@Carbatay Ш1ухэс къыфызэх зэк1эми. Адгабзэмэ сыты уфи1офы къэп1угъ. И нэхь мак1эу сыадыг. Мыдэк1э къыпысщэмэ…«Mistakes are the portals of discovery”, James Joyce - мыр пыстхэжынщи си щхьэ щхьэк1э- дерс къыхэпхыфмэ.
So. What language do You prefer to have a discussion on? Адыгэбзэ-къэбэртае, к1ахэ, урысыбзэ, инджылыбзэ (щхьэ зигъэгубзыгъэрэ мыбы, пэжкъэ?» Къэбэрдей диалектыр къыхэтхынщ.
Япэу, си нэр къызэ1упхащ - авторым хитхэну и хуитыныгъэхэм зыри хэзмыщ1ык1ыу къэзбгъащ1эт… Ет1уанэу - си мык1уэмытагъэк1э еджак1уэхэм я пащхьэ хуитырыда1уэрэ хуитырыпсалъэу къыралхьам пэджэж гуэрк1э фыщыгугъ къысф1эщ1ри сыщыуэт…Щхьам, 1упсырижэ щытхъук1э зынэдмыгъазэмэ дыкъуаншэт…
Тхак1уэр бзылъхугъэщи сыпэпсалъэжынукъым. Мыбдеж щыстхами еджэжынущ. И пэуи стхащ, ф1ыщ1эщ и 1уэхур, ди бзэр егъэ1у. Бзэ гъэ1уным ф1ыщ1э лей къилэжькъым, жызы1эри мащ1экъым. Щхьам, сэ апэу къэс1угъэм сытеты.
Ууейм укъелмэ теухуауэ….Зэк1э ууей ф1эк1а зыри къыпхуэмыныкъуэ, дахэ, адрейхэм езыхэм яй якуэдыжмэ. Уи еджак1уэхэр мыеджэ-мы1ущу плъытэмэ ущыуэнщ, псалъалъэхэми теухуауэ. «- «Хэт мыр зи шыбэр?-щ1оупщ1э. Нарт Уэзрэдж и шыбэщ»», Ашэмэз и пшыналъэ. Нэгъуэщ1 щапхъэжьхэри гъунэжщ. Мыр зы «т1эк1ук1э» нэхъыжьынщ, а псэлъалъэм нэхърэ. Сэ псэлъалъэм семыджауэ къащыхъуами, сэ си гугъэкъым мыбы емыджауэ езыр. Шы зыгъэхъухэми я адыгэбзэм сыщыгъуазэщ, шыми сепхащ - деплъат адыгэбзэк1э дгъэпсалъэу натын ятетхыну, тетхам деплъыжри…дгъэт1ылъыжащ. Фащэ зыдми сыщырихьэл1ащ цейм щхьэк1э «черкескэр» дапхуэдэу къызэрыхэпхыр, жызы1а. Щхьэ апхуэдэу жып1а, дахэ, щыжыс1эм: «Нэхъ къагуро1уэ» - упщ1этыжт. Шы «гуартэри» нэхъ къагуро1уэ, дауик1, нэгъуэщ1и ящ1эж хъункъым, ари йозэгъ, ик1эжым «гуп» жи1эу аращ къик1ри, ат1э шыхэр гуп хъуфкъэ? Мэхъуф. Мэл гуартэри къыщ1агъужт. Апхуэдэу фымытхи жызмы1ат, зыгуэри фхъуэж жызмы1ат, дияпэк1э мыри фигу ивгъэлъ, арат къик1ыр. Щ1эныгъэм теухуауэ - коневодство и скотоводство -разные отрасли животноводства, очень разные, каждая имеет свою, специфическую терминологию. Общая тоже имеется, в конце концов и те, и другие животные. Мыр сэ зджа 1уэхухэщ, «т1эк1у» хызощ1ык1. Ди щыхъуэхэми ди бзэк1э, ди терминологием щыщуи ящ1эжыр мащ1э дыдэм. Хъупхъэхэшым къик1ри зыщ1эу зы ц1ыху къахэмык1а.
Къысхуэвгъэгъу, к1ыхь дыдэу сытхащ. Литературэр арат мыбдеж зытепсэлъыхьпхъэр…
Къеблагъэ жып1ати, уи еблагъэ ф1ы ухъу, сыздеблагъэн сымылъагъу. Феджэмэ стхар псори ивудыж, ар нэхъыф1щ. Сыфпэтхэжынукъым адэк1э. Фи 1уэху ф1ы ирик1уэ. Тхэми, къизылъхьэми влэжьыр 1уэхушхуэщ, мыри сигу илъ дыдэу вжызо1э, Тхьэм фыригъэф1ак1уэ. Фызыгъаф1и, фызыуби къыхэк1ынщ. Фигу ирихьын ф1эк1а зэхэвмыхмэ, абы жыжьэ фынихьэсынкъым. Фи 1уэху дахэ ухъу.
Мыр зылъагъухэм захузогъазэ - "гуартэ"-м техуэн тырку псалъэ зыщӏэхэм къэфтх.
@@CarbatayСэ уэстынщ жэуапыр. Мы зыр нызотхыж, гуры1уэгъуэ хъун папщ1э, сынэмытхэну жыс1ами. Мыр тырку псалъэкъым, поляк псалъэщ, «тырку» си телефоном итхауэ аращ, «поляк»-р ихъуэжри, сэ гу лъыстакъым. Куэдрэ птхыр егъэув, умыхъуэжмэ. Нэхъапэхэм, дэ дыщеджэм, «jurt» псалъэр монгол, тыркухэм Европам къахьауэ зылъытэ щы1ащ, иджы ар ягъэпэжкъым.
Мы тхыгъэр литературэк1э ф1ы дыдэщ. Мыдрейр щ1эстхам и щхьэусыгъуэр къывгуры1уэнукъым. Къуаншэр сэращ. Мыбдежыр абы и щ1ып1экъым. Ивыудыж.
Тхьэм уригьэф1ак1уэ😍
А можно ли разместить именно аудио? Чтобы слушать не в ютубе, а, например, в vk или яндекс музыке
Аудиофайл размещён в мобильном приложении Gukhel
Урысыбзэ псэлъэк|эщ|хьэри Адыгэбзэ хъуамэ нэхъыф|т.
Мы тхылъыр зи ӏэдакъэщӏэкӏри сэри дызэрыщыгугъымкӏэ, дяпэкӏи тхылъ нэхъыбэ нэхъыфӏыжу къыдагъэкӏынщ.