Бемырзэ Мухьэдин и "Уадыгэным къик1ыр" усэмк1э уэрэд

Поделиться
HTML-код
  • Опубликовано: 4 окт 2024
  • Бемырзэ Мухьэдин и "Уадыгэным къик1ыр" усэмк1э уэрэд.
    "Уадыгэным къик1ыр"
    Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
    Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
    Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,-
    Абы екъутэр ц1ыхум и щэн-хьэлыр.
    Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур.
    Игъащ1эк1э хабзэф1 зэрихьэгъахэр,
    Зэхекъутэжри ди зэман ерум,
    Хуэнщ1ей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм.
    Адыгэ ц1ыхури мэхъу к1уэ пэтми жьгъей.
    Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр,
    Щхьэхуэф1 гухэлъым ар иронэщхъей,
    Лъэпкъ к1уэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.
    Ди щ1эблэр едэ1уэжкъым къэзылъхуам.
    Еплъыжкъым ди ц1ыхубзхэм я нэмысым,
    Фадэм и пщыл1ып1э зэрыхуам
    Ди щ1алэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу.
    1ыхьлъыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъку
    Ц1ыху уасэр къызэрабжыр и лэжьап1эрщ,
    1иманыншагъэр ямыщ1ыж емык1у,
    Нэмыплъи хуамыщ1ыж зимы1эм напэ.
    Ещ1ыфыр япэ къэсым хэутэн,
    Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,
    Плъэмык1ыу бгъэшынэн е бгъэук1ытэн,
    Адыгэ щ1ыхыр пф1ыхаутэ ят1эм.
    Апхуэдэу щыхъук1и, лъэпкъ ягъэпудам
    Дэщ1ыну зи гум къэк1ыр зэрызыхэт,
    Хэт илъэс к1уахэм игу ираудащ,
    Хэт и щхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыххэ.
    Адыгэу нобэ ущытынур гугъущ,
    Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу,
    Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,
    Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!
    Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку,
    Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхып1э,
    Нэщ1эбжьэ куэдхэр щ1агъэк1ащ и нэгу,
    Ди лъэпкъ бэшэчу л1ыхъужьыгъэ зи бэм.
    И тхыдэ к1ыхьу къызэринэк1ам,
    Ар куэдрэ ихуэгъащ псэ зэпылъхьэп1э,
    Имыгъуэтыжу, уеблэмэ, щ1элъхьэп1э,
    И быну хамэ 1эщэм къиук1ар
    Къэхъуащ монголхэм ар щапэщ1эта,
    Зы фэбжь кърахмэ, щащ1эу ярихыжу,
    Гу1эЛабэ 1уфэ щы1ута,
    Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу.
    Арщхьэк1э, хуэмызами сыт махуей,
    Абы игъэпудакъым зык1и и щхьэр,
    И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей,
    Яхуэувакъым ар лъэгуажьэмыщхьэу.
    Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
    Адыгэу нобэ упсэуным къик1ыр,
    Ди тхыдэ гуауэу фхуэсщ1ыжам зи гугъу,
    И напэ къэс унэджысынырщ и к1эм.
    Ирехъу гуф1эгъуэ е гухэщ1 ирехъу,
    Абы ухущытынырщ ухуэфащэу,
    Уи напэм ену уи гур хурырегъу,
    Уи махуэ къэсыхун ц1ыхугъэ бащэу.
    Уадыгэныр мыгурыф1-гурей,
    Зи уэлиигъуэм ф1эф1мэ-улъэпкъыпсэу,
    Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр,
    1эщ1ыб пщ1ыжыну уи анэдэлъхубзэр.
    П1урылъу зы бзэ, узэдису зыщ1
    Хьэлэлу къыщытепсэк1э зы дыгъэ,
    Адыгэу упсэуным къик1ыр зыщ-
    Уадыгэну къыпкъуэк1ынырщ л1ыгъэ.

Комментарии • 25